- къэпщыхьын
- а)(къепщыхь) неперех. гл. ползать/ Къэпщэпщы-хьын, пщыуэрэ къэкIухьын, кIуэтэн. *ЦIыкIухэми. . иныкъуэм ныбафэкIэ къапщыхьырт. Iуащхь. Абыхэм {уIэгъэхэм} ящыщу щым къапщыхьырт, щIыр IэбжьанэкIэ къратхъырт. Къ. Хь.б). (къепщыхь)перех. гл. ползти вокруг кого-чего-л./ Пщыуэрэ зыгуэрым и хъуреягъыр къэкIухьын.Сабийм стIолым и хъуреягъыр къипщыхьащ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.